Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Мэссихьым теухуауэ бегъымбархэм жаІахэр Хьисэ и деж гъэзэщІа щыхъуа?

Мэссихьым теухуауэ бегъымбархэм жаІахэр Хьисэ и деж гъэзэщІа щыхъуа?

Библием жиІэр

 «Мэссихь» псалъэм къикІыр сыт?

 Журтыбзэм маши́ах (мэссихь) псалъэмрэ, алыджыбзэм христо́с псалъэмрэ я мыхьэнэр зыщ: и мурадыр игъэзэщІэн папщІэ Алыхьым тригъэува жиІэу къокІ.

 Библиер щатха зэманым цІыхум тепщэныгъэ гуэр щраткІэ, абы и щхьэм дагъэ тракІэт (Левит 8:12; 1 Самуила 16:13). Алыхьым Хьисэ Мэссихьу къыхихащ икІи тепщэныгъэшхуэ иритащ (Апостолхэм 2:36). Ауэ Алыхьым ар къыхихын щхьэкІэ абы дагъэ трикІакъым, атІэ и къару лъапІэр иритауэ аращ (Маттэ 3:16).

 Мэссихьым теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэр зы цІыху нэхърэ нэхъыбэм деж гъэзэщІа щыхъуфынут?

 Хьэуэ. Зы ІэпапІэр зы цІыху закъуэщ зейуэ щытыфынур, абы хуэдэу Мэссихьым теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэр зыгъэзэщІэфынур зы цІыхущ. Ауэ Библием дысакъыну къыджеІэ: «Мэссихь нэпцІхэмрэ бегъымбар нэпцІхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщІэгъуэнхэри Іуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цІыхухэри ягъэпцІэн мурадкІэ, ялъэкІмэ» (Маттэ 24:24).

 Мэссихьыр иджыри къэмыкІуауэ жызыІэхэр захуэ?

 Хьэуэ. Библием щыжыІат Мэссихьыр израил пащтыхь Даут къызэрытехъукІынур (Псалом 89:3, 4). ЦІыхур къызыхэкІа лъэпкъыр зэрыт тхылъхэмкІэ къыпхуэщІэнут Даут къытехъукІахэр, ауэ ди эрэм 70-нэ гъэм рим зауэлІхэм Ерусалимыр щаубыдам щыгъуэ, а тхылъхэр хэкІуэдауэ къыщІэкІынущ a. Абы лъандэрэ пащтыхь Даут и лъэпкъым зэрыщыщым щыхьэт техъуэ гуэр зыми къыхуэхькъым. Ауэ Хьисэ и зэманым а тхылъхэр иджыри щыІэт. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и бийхэми жаІэфынутэкъым ар Даут къытемыхъукІауэ (Маттэ 22:41—46).

 Мэссихьым теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэу дапщэ Библием итыр?

 Мэссихьым теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэу дапщэ Библием итми нэгъэсауэ пхужыІэнукъым. Пычыгъуэр Мэссихьым зэрытеухуар гурыІуэгъуэми, абы къэхъун хуей псалъэу дапщэ хэтми къыпхуэмыбжынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, Исайя 53:2—7 Мэссихьым теухуауэ гупсысэ зыбжанэ итщ. Языныкъуэхэм ябж а пычыгъуэр къэхъун хуей зы псалъэу щыту, нэгъуэщІхэм дэтхэнэ зы гупсысэри къэхъун хуей псалъэ щхьэхуэу ялъытэ.

 Мэссихьым теухуауэ Хьисэ и деж гъэзэщІа щыхъуа псалъэхэр

Къэхъун хуей псалъэр

Зэрытыр

Къызэрыхъуар

Ибрэхьим къызэрытехъукІынур

ЩІэдзапІэ 22:17, 18

Маттэ 1:1

Ибрэхьим и къуэ Исхьэкъ къызэрытехъукІынур

ЩІэдзапІэ 17:19

Маттэ 1:2

Иудэ лъэпкъым къызэрыхэкІынур

ЩІэдзапІэ 49:10

Маттэ 1:1, 3

Пащтыхь Даут и лъэпкъым зэрыщыщыр

Исайя 9:7

Маттэ 1:1

Хъыджэбздэсым къызэрилъхунур

Исайя 7:14

Маттэ 1:18, 22, 23

Бэтлэхьэм къызэрыщалъхунур

Михей 5:2

Маттэ 2:1, 5, 6

Еммануил цІэ зэрыфІащынур b

Исайя 7:14

Маттэ 1:21—23

ХуэмыщІауэ псэу унагъуэм къызэрыщыхъунур

Исайя 53:2

Лука 2:7

Къалъхуа иужь сабийхэр зэраукІынур

Иеремия 31:15

Маттэ 2:16—18

Мысырым къызэрикІыжынур

Осия 11:1

Маттэ 2:13—15

Назарет щыщкІэ еджэнущ c

Исайя 11:1

Маттэ 2:23

ХъыбарегъащІэр ипэ иту кІуэнущ

Малахия 3:1

Маттэ 11:7—10

Ди эрэм 29-нэ гъэм Мэссихь хъунущ d

Даниил 9:25

Маттэ 3:13—17

Ар и Къуэу зэрыщытыр езы Алыхьым жиІэнущ

Псалом 2:7

Апостолхэм 13:33, 34

Алыхьым и Унэм хуэпабгъэу щытынущ

Псалом 69:9

Иуан 2:13—17

ХъыбарыфІыр игъэІунущ

Исайя 61:1

Лука 4:16—21

Галилей хэкум хъыбарыфІыр зэрыщигъэІур нэхугъэшхуэм хуэдэнущ

Исайя 9:1, 2

Маттэ 4:13—16

Мусэ ещхьу, Іуэху телъыджэхэр илэжьынущ

Второзаконие 18:15

Апостолхэм 2:22

Мусэ ещхьу, Алыхьым и псалъэхэр цІыхухэм ябгъэдилъхьэнущ

Второзаконие 18:18, 19

Иуан 12:49

Куэд игъэхъужынущ

Исайя 53:4

Маттэ 8:16, 17

Гулъытэ лей къилъыхъуэнукъым

Исайя 42:2

Маттэ 12:17, 19

Зигу иудахэм гущІэгъу яхуищІынущ

Исайя 42:3

Маттэ 12:9—20; Марк 6:34

Алыхьым и захуагъэр игъэлъэгъэнущ

Исайя 42:1, 4

Маттэ 12:17—20

Чэнджэщэгъу Іущ

Исайя 9:6, 7

Иуан 6:68

Иеговэ и цІэр игъэІунущ

Псалом 22:22

Иуан 17:6

Щапхъэхэр къихьурэ псэлъэнущ

Псалом 78:2

Маттэ 13:34, 35

Пашэ

Даниил 9:25

Маттэ 23:10

Куэдым ар я фІэщ хъунукъым

Исайя 53:1

Иуан 12:37, 38

Зыгъэлъэпэрэпэн мывэ яхуэхъунущ

Исайя 8:14, 15

Маттэ 21:42—44

ЦІыхухэм зэрапэсынукъым

Псалом 118:22, 23

Апостолхэм 4:10, 11

Щхьэусыгъуэншэу ялъагъу мыхъуу щытынущ

Псалом 69:4

Иуан 15:24, 25

Ерусалим къалэм шыд цІыкІум тесу дыхьэнущ

Захария 9:9

Маттэ 21:4—9

Сабийхэм ягъэлъэпІэнущ

Псалом 8:2

Маттэ 21:15, 16

Иеговэ и цІэкІэ къэкІуэнущ

Псалом 118:26

Иуан 12:12, 13

И ныбжьэгъур къепцІыжынущ

Псалом 41:9

Иуан 13:18

Дыжьын ахъшэ 30-кІэ ящэнущ e

Захария 11:12, 13

Маттэ 26:14—16; 27:3—10

И ныбжьэгъухэм ар къагъэнэнущ

Захария 13:7

Маттэ 26:31, 56

Щыхьэт нэпцІхэм пцІы къытралъхьэнущ

Псалом 35:11

Маттэ 26:59—61

И хьэкумыр зыщІхэм щагъэкъуаншэкІэ жэуап абыхэм яритыжынукъым

Исайя 53:7

Маттэ 27:12—14

И нэкІум иубжьытхэнущ

Исайя 50:6

Маттэ 26:67; 27:27, 30

И щхьэм еуэнущ

Михей 5:1

Марк 15:19

ЩІопщкІэ яукІынущ

Исайя 50:6

Иуан 19:1

ЗыукІхэм япэувыжынукъым

Исайя 50:6

Иуан 18:22, 23

Тепщэныгъэ зиІэхэр зэгухьэнурэ, абы пэщІэувэнущ

Псалом 2:2

Лука 23:10—12

ГъущІ ІунэкІэ пкъом и Іэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ ираІулІынущ

Псалом 22:16

Маттэ 27:35; Иуан 20:25

ПхъэидзэкІэ и щыгъыныр ягуэшынущ

Псалом 22:18

Иуан 19:23, 24

ЩІэпхъаджащІэхэм хабжэнущ

Исайя 53:12

Маттэ 27:38

ЦІыхухэр щыдыхьэшхынущ икІи хуэшхыдэнущ

Псалом 22:7, 8

Маттэ 27:39—43

Гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм щхьэкІэ хьэзаб ишэчынущ

Исайя 53:5, 6

1 Петр 2:23—25

Алыхьым къигъэнауэ къыщыхъунущ

Псалом 22:1

Марк 15:34

Серчэрэ дыдж гуэррэ ирифыну иратынущ

Псалом 69:21

Маттэ 27:34

ЛІэн ипэ псы хуэлІэнущ

Псалом 22:15

Иуан 19:28, 29

И псэр Алыхьым и ІэмыщІэм ирилъхьэнущ

Псалом 31:5

Лука 23:46

И гъащІэр итынущ

Исайя 53:12

Марк 15:37

ЦІыхухэм я гуэныхьыр ипшыныжын щхьэкІэ щхьэщэхужыр къихьынущ

Исайя 53:12

Маттэ 20:28

Абы и къупщхьэхэм щыщ зыри зэпаудынукъым

Псалом 34:20

Иуан 19:31—33, 36

И джабэр гъуанэ ящІынущ

Захария 12:10

Иуан 19:33—35, 37

Бейхэм я гъусэу щІалъхьэнущ

Исайя 53:9

Маттэ 27:57—60

ЛІахэм къахэтэджыкІыжынущ

Псалом 16:10

Апостолхэм 2:29—31

КъепцІыжам ипІэкІэ нэгъуэщІ къыхахынущ

Псалом 109:8

Апостолхэм 1:15—20

Алыхьым и ижьырабгъумкІэ тІысынущ

Псалом 110:1

Апостолхэм 2:34—36

a Макклинтокрэ Стронгрэ я энциклопедием итщ: «Журт цІыхухэр къызыхэкІа лъэпкъыр зэрыт тхылъхэр щыкІуэдар Ерусалим щызэтракъутам щыгъуэщ, атІэ абы ипэкъым».

b ЖуртыцІэ Еммануилым «Тхьэр ди гъусэщ» жиІэу аращ къикІыр. Абы къегъэлъагъуэ Хьисэ фІыуэ Мэссихьым и къалэныр зэригъэзэщІар. Хьисэ щІылъэм щрихьэкІа гъащІэмрэ цІыхухэм щхьэкІэ ищІа ІуэхуфІхэмрэ щыхьэт тохъуэ Алыхьыр и лэжьакІуэ пэжхэм зэригъусэр (Лука 2:27—32; 7:12—16).

c «Назарет щыщ» псалъэр журтыбзэ не́цер псалъэм къытехъукІауэ къыщІэкІынущ, абы къикІыр «къудамэщІэ» жиІэу аращ.

d Мэссихьыр ди эрэм 29-нэ гъэм къызэрыкІуэн хуеяр Библием къызэригъэлъагъуэм теухуауэ мы статьям нэхъыбэ къыщыпщІэнущ: «Пророчество Даниила о приходе Мессии».

e Мы псалъэхэр Захарие и тхылъыращ зэрытыр, ауэ Маттэ ахэр «Иеремие бегъымбарым жиІауэ» итхащ (Маттэ 27:9). «Бегъымбархэм я тхылъхэр» жаІэу зэджэу щыта Іыхьэм Иеремие и тхылъыр япэу къакІуэу къыщІэкІынут (Лука 24:44). Абы къыхэкІкІэ «Иеремие» жиІэу Маттэ щитхым зи гугъу ищІар бегъымбархэм я тхылъхэращ, Захарие и тхылъри абы хэту.