Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Иеговэ и Щыхьэтхэм унагъуэхэр зэтракъутэрэ?

Иеговэ и Щыхьэтхэм унагъуэхэр зэтракъутэрэ?

 Дэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм, ди унагъуэхэр нэхъ быдэ зэрытщІыным икІи абыкІэ адрейхэм дазэрыдэІэпыкъуным дыхущІокъу. Дэ дызэреплъымкІэ, унагъуэр къэзыгъэщІар Алыхьыращ (ЩІэдзапІэ 2:21—24; Ефес 3:14, 15). Библием ит принципхэмкІэ Алыхьыр къыддоІэпыкъу унагъуэ быдэ дыухуэну икІи ар сыт щыгъуи насыпыфІэу къэнэну.

Иеговэ и Щыхьэтхэм я унагъуэхэр нэхъ быдэ зэращІ щІыкІэр

 Дэ Библием ит чэнджэщхэм дызэрытетыным дыхущІокъу. Ар къыддоІэпыкъу ди къалэнхэр нэхъыфІу дгъэзэщІэну — нэхъ щхьэгъусэфІ, нэхъ адэ-анэфІ дыхъуну (Притчи 31:10—31; Ефес 5:22—6:4; 1 Тимофей 5:8). Зы унагъуэм щыщхэм я диныр зэтемыхуэми, Библием ит Іущагъым ахэр нэхъ насыпыфІэ ищІыфынущ (1 Петр 3:1, 2). Зи щхьэгъусэхэр Иеговэ и Щыхьэту щытхэм жаІэм деплъынщ:

  •   «Дыщызэрышам щыгъуэ, япэ илъэсихым дэ зэпымыууэ дызэфІэнэт икІи дызэхуэгубжьт. Ауэ Ивети Иеговэ и Щыхьэт хъуа иужь, лъагъуныгъэрэ шыІэныгъэрэ нэхъыбэу игъэлъагъуэу зригъэсащ. Абы зэрызихъуэжам ди нэчыхьыр къригъэлауэ жыпІэ хъунущ» (Клауир, Бразилие).

  •   «Си щхьэгъусэ Чанса Библиер джын щыщІидзам щыгъуэ, сэ ар сигу ирихьакъым, сыту жыпІэмэ сэ сызэреплъымкІэ, абыхэм унагъуэхэр зэтракъутэт. Ауэ иужькІэ сэ къэслъэгъуащ Библием ди унагъуэр нэхъ быдэ зэрищІар» (Агнесс, Замбие).

 ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж, дэ цІыхухэм идогъэлъагъу Библием ит чэнджэщхэр абыхэм сэбэп зэрахуэхъуфынур

  •   ЩхьэгъусэфІ къыхахыну

  •   ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым япэ илъэсым «къелыну»

  •   Щхьэгъусэм и адэ-анэм езэгъыну

  •   Ахъшэ зэгъэзэхуэкІэ ящІэну

  •   Дэуэн хьэлыр зыханэну

  •   Ягъэгъуфу зрагъэсэну

  •   Я сабийхэр фІыуэ ягъэсэну

ЦІыхум нэгъуэщІ дин къызэрищтэм и унагъуэм зэгурымыІуэныгъэ ирилъхьэрэ?

 Пэжыр жыпІэмэ, апхуэди къохъу. Псалъэм папщІэ, 1998-нэ гъэм Sofres жыхуиІэ компанием къызэрихутамкІэ, унагъуэ 20-м щыщу зым гугъуехьышхуэхэр иІэу хъуащ зэщхьэгъуситІым языр Иеговэ и Щыхьэт щыхъуам щыгъуэ.

 Хьисэ жиІауэ щытащ абы и лъэужь ирикІуэхэм щыщу языныкъуэхэм я унагъуэм зэгурымыІуэныгъэ къызэрихьэнур (Маттэ 10:32—36). Тхыдэм елэжь Вил Дюрант зэрыжиІэмкІэ, Римым и империем къилъытэт «Хьисэ и гъэсэнхэм унагъуэхэр зэтракъутэу» a. Ноби Иеговэ и Щыхьэтхэр абыкІэ ягъэкъуаншэ. Ауэ ар пэжу пІэрэ?

«Европейский суд по правам человека» жыхуаІэр

 Иеговэ и Щыхьэтхэм унагъуэхэр зэтракъутэ хуэдэу зэрагъэкъуаншэм теухуауэ «Европейский суд по правам человека» жыхуиІэм унафэ щищІым къыхигъэщащ унагъуэм зэгурымыІуэныгъэ къызэрихьэмкІэ Иеговэ хуэмылажьэхэри зэрыкъуаншэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «Алыхьым хуэлэжьэну икІи и диным къыхуигъэув хабзэхэм тетыну цІыхум иІэ хуитыныгъэм пщІэ хуащІкъым». Судым щІигъужащ: «Иеговэ и Щыхьэтхэр къэбгъанэми, зы унагъуэм щыщхэм дин зырыз щаІыгъым деж, апхуэдэ гугъуехьхэр щыІэ хабзэщ» b. Ауэ я диным щхьэкІэ гугъу щрагъэхьым дежи, Иеговэ и Щыхьэтхэр Библием ит мы чэнджэщым зэрытетыным хущІокъу: «Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкІэ фыпэмыувыж. [...] Іэмал иІэмэ, фи Іэм къикІым хуэдизкІэ цІыху псоми фазэрыгурыІуэным фыхущІэкъу» (Рим 12:17, 18).

Иеговэ и Щыхьэтхэм я диным щымыщ цІыхум и гъусэу унагъуэ щІамыухуэр сыт?

 Библием ит унафэм тету, Алыхьым и лэжьакІуэм нэчыхь зрищІылІэр «Зиусхьэным и лъэужь ирикІуэращ», е нэгъуэщІу жыпІэмэ, и диным щыщ цІыхуращ (1 Коринф 7:39, ДЩІ). Библием ит мы унафэм губзыгъагъэ хэлъщ. Псалъэм папщІэ, унагъуэмрэ нэчыхьымрэ тепсэлъыхь зы журналым 2010-нэ гъэм щыжыІат «зэщхьэгъусэхэр зы динымрэ зы хабзэмрэ тетмэ икІи я фІэщ хъумкІэ зэтехуэмэ», нэхъ зэгурыІуэу зэрыпсэур c.

 Ауэ ди организацием цІыхур хуигъэушкъым Иеговэ хуэмылажьэ и щхьэгъусэр къигъэнэну. Библием щыжыІащ: «Къуэш гуэрым фІэщхъуныгъэ зимыІэ фыз иІэмэ, фызри абы дэпсэуну хуеймэ, ар лІым иригъэкІыж хъунукъым. Апхуэдабзэщи, фыз гуэрым фІэщхъуныгъэ зимыІэ лІы иІэмэ, лІыри абы дэпсэуну хуеймэ, фызым и лІыр зыбгъэдигъэкІыж хъунукъым» (1 Коринф 7:12, 13). Иеговэ и Щыхьэтхэр мы унафэм тетщ.

a Еплъ: Дюрант В. Цезарь и Христос. М., 1995. С. 696.

b Еплъ: постановление Европейского суда по делу «Религиозная община Свидетелей Иеговы в г. Москве и другие против Российской Федерации», страница 26, пункт 111.

c Еплъ: Journal of Marriage and Family. 2010. Авг. Т. 72. № 4. С. 963.