Материал нэхъыщхьэм ихьэн

КъэкІуэнур зэрыплъагъур дауэ?

КъэкІуэнур зэрыплъагъур дауэ?

Дунейр...

  • нэхъыфІ хъуну?

  • нэхъ Іей хъуну?

  • зэрыщыт дыдэу къэнэну?

ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР

«Тхьэм... абыхэм я нэхэм нэпс псори ящІилъэщІыкІыжынущ. ЛІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ блэкІа Іуэхухэр щыІэжкъыми» (Апокалипсис 21:3, 4, ЩІэдзапІэмрэ ХъыбарыфІымрэ, 2011).

АБЫ УИ СЭБЭПУ ХЭЛЪЫР

Гум къыдыхьэ, берычэт къызыдэкІуэ лэжьыгъэ уиІэнущ (Исаия 65:21—23).

Гузэвэгъуэ, уз, гуауэ уиІэжынукъым (Исаия 25:8; 33:24).

ФІыуэ плъагъу цІыхухэм я гъусэу игъащІэкІэ насыпыфІэу упсэунущ (Псалом 37:11, 29).

ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫ ХЪУНУ?

Хъунущ, абы щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Псалъэм папщІэ:

  • Алыхьым дыкъызэригъэгугъахэр зэригъэзэщІэжын къару иІэщ. Тхыгъэ ЛъапІэр «лъэкІыныгъэшхуэ псори зиІэкІэ» зэджэр Иеговэ и закъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и къарум гъунэ иІэкъым (Апокалипсис 15:3). Абы ипкъ иткІэ, дунейр зэтес ищІыжыну дыкъызэригъэгугъа псалъэр хуэгъэзэщІэжынущ. Алыхьым и Псалъэм зэрыжиІэмкІэ, «Тхьэм хузэфІэмыкІын Іуэху зыри щыІэкъым» (Маттэ 19:26).

  • Алыхьым дыкъызэригъэгугъахэр игъэзэщІэну хуейщ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ хуейщ лІахэр къигъэтэджыжыну. Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, Алыхьыр абыхэм хуозэш (Иов 14:14, 15).

    Абы нэмыщІи итщ Хьисэ бегъымбарми цІыху сымаджэхэр игъэхъужу щытауэ. Ар хуэмеямэ, абыхэм дэІэпыкъунут? (Марк 1:40, 41). Алыхьым и щапхъэм тету Хьисэ дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм дэІэпыкъуащ. АбыкІи Алыхьыр зыхуэдэр къигъэлъэгъуащ (Иуан 14:9).

    Шэч лъэпкъ къытомыхьэ Иеговэ къэкІуэну зэманым гъащІэ насыпыфІэ къыдитыну зэрыхуейм! (Псалом 145:16; 2 Петр 3:9).

ЕГУПСЫСЫТ

Дауэ Алыхьым мы дунейр нэхъыфІ зэрищІыжынур?

Тхыгъэ ЛъапІэм абы и жэуапыр итщ МАТТЭ 6:9, 10; ДАНИИЛ 2:44.