Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

2-НЭ УРОКЫР

Хэт хъуну Алыхьыр?

Хэт хъуну Алыхьыр?

1. Алыхьым дыхуэлэжьэн щІыхуейр сыт?

Алыхь пэжыр — ар псори къэзыгъэщІаращ. Ар сыт щыгъуи щыІащ икІи игъащІэкІэ щыІэнущ (Псалом 90:2). Библием ит хъыбарыфІыр къызыбгъэдэкІыр аращ (1 Тимофей 1:11). Алыхьым гъащІэр тыгъэу къызэрыдитам щхьэкІэ дэ абы фІэкІа зыми дыхуэлэжьэн хуейкъым. (Къеджэ Апокалипсис 4:11.)

2. Алыхьым теухуауэ сыт дэ тщІэр?

ЦІыхухэм щыщу Алыхьыр зэи зыми илъэгъуакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и Іэпкълъэпкъыр нэрымылъагъущ (Иуан 1:18; 4:24). Ауэ дэ Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм дыкІэлъыплъурэ, абы и хьэл-щэнхэр къэтлъэгъуфынущ. Псалъэм папщІэ, удз гъэгъа, пхъэщхьэмыщхьэ лІэужьыгъуэ куэд зэрыщыІэм къыхощ абы и лъагъуныгъэмрэ и Іущагъымрэ. Дунейм и инагъыр щыхьэт тохъуэ абы къаруушхуэ зэрыбгъэдэлъым. (Къеджэ Рим 1:20.)

Алыхьым теухуауэ уэ Библием нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ. Псалъэм папщІэ, абы щыжыІащ Алыхьым сыт игу ирихьми иримыхьми, цІыхухэм дауэ хущытми икІи сыт хуэдэ Іуэху зехьэкІэ иІэми. (Къеджэ Псалом 103:7—10.)

3. Алыхьым цІэ иІэ?

Хьисэ жиІащ: «Уэ ди Адэ лъапІэу уафэм щыІэ! Уи цІэр цІыхухэм ирегъэлъапІэ» (Маттэ 6:9). Алыхьым титул куэд иІэщ, ауэ цІэуэ зы закъуэщ иІэр. А цІэм бзэ къэс езым и къэпсэлъыкІэ иІэщ. АдыгэбзэкІэ ар «Иеговэщ» къызэрапсэлъыр. (Къеджэ Псалом 83:18.)

Библие куэдым Алыхьым и цІэр Зиусхьэн, Тхьэ жыхуиІэ титулхэмкІэ зрахъуэкІащ. Ауэ Библиер щатхам абы Алыхьым и цІэм 7 000 хуэдизрэ ущрихьэлІэт. Хьисэ Алыхьым теухуауэ цІыхухэр щригъаджэм абы сыт щыгъуи Алыхьым и цІэр къигъэсэбэпт. (Къеджэ Иуан 17:26, ДЩІ.)

«Есть ли у Бога имя?» жыхуиІэ видеороликым еплъ.

4. Иеговэ фІыуэ дыкъилъагъурэ?

КъэкІуэну зэманым дэ фІым дыхуэзэн щхьэкІэ Алыхьым и лъэныкъуэкІэ псори ещІэ мы сурэтым ит лъагъуныгъэшхуэ зыхэлъ адэм хуэдэу

Нобэ дунейр гуауэрэ насыпыншагъэкІэ гъэнщІащ. Абы къикІыу пІэрэ Алыхьым фІыуэ димылъагъуу икІи дыкъыфІэмыІуэхуу? Языныкъуэ цІыхухэм жаІэ Алыхьым дигъэунэхун щхьэкІэ гугъуехьхэм дыпэщІигъахуэу. Ауэ ар пэжкъым. (Къеджэ Екъуб 1:13.)

ЦІыхум хуитыныгъэ иІэу Иеговэ къигъэщІащ икІи а хуитыныгъэм щхьэкІэ ди гум фІыщІэ илъщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ абы Іэмал къыдет Алыхьым дыхуэлэжьэну къыхэтхыну (Иисус Навин 24:15). Ауэ куэдым а Іэмалыр къыхахкъым икІи лей зэрызрахьэм щхьэкІэ гугъуехь куэд щыІэщ. ЦІыхухэм зрахьэ хабзэншагъэр Иеговэ щилъагъум деж и гур хощІ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 6:5, 6.)

Иеговэ фІыуэ делъагъу икІи ар хуейщ дэ гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыну. Куэд мыщІэу абы бзаджагъэмрэ лей зезыхьэхэмрэ игъэкІуэдынущ. Гугъуехьхэр щыІэну Иеговэ иджыпсту хуит ищІми, ахэр щІыщигъэІэм щхьэусыгъуэ иІэщ икІи апхуэдэу сыт щыгъуи щытынукъым. А щхьэусыгъуэм теухуауэ 8-нэ урокым нэхъыбэ къыщытщІэнущ. (Къеджэ 2 Петр 2:9; 3:7, 13.)

5. Алыхьым нэхъ гъунэгъу зэрызыхуэтщІынур дауэ?

Иеговэ хуейщ дэ абы гъунэгъу зыхуэтщІыну икІи дэ абыкІэ тхьэлъэІур къыддоІэпыкъу. Алыхьым дэтхэнэ зы цІыхуми гулъытэ хуещІ (Псалом 65:2; 145:18). Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну хьэзырщ икІи зыгуэркІэ дыщыуэми, ар дгъэгуфІэн щхьэкІэ къару етхьэлІэм абы гу лъетэ. Абы къыхэкІкІэ гуэныхьлыуэ дызэрыщытым емылъытауэ дэ пэж дыдэу Алыхьым гъунэгъу дыхуэхъуфынущ. (Къеджэ Псалом 103:12—14; Екъуб 4:8.)

Иеговэ гъащІэр къызэрыдитам щхьэкІэ дэ ар псом нэхърэ нэхъыфІу тлъагъун хуейщ (Марк 12:30). Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэр дгъэлъэгъуэн щхьэкІэ, адэкІи абы теухуа щІэныгъэр зэдгъэгъуэтыным икІи абы и хабзэхэм дытетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэу уэ Иеговэ гъунэгъу ухуэхъуфынущ. (Къеджэ 1 Тимофей 2:4; 1 Иуан 5:3.)