Материал нэхъыщхьэм ихьэн

БИБЛИЕМ ГЪАЩІЭР ЕХЪУЭЖ

Сэ сыт щыгъуи кІэрахъуэ къыздесхьэкІт

Сэ сыт щыгъуи кІэрахъуэ къыздесхьэкІт
  • КЪЫЩАЛЪХУА ГЪЭР: 1958

  • КЪЭРАЛЫР: ИТАЛИЕ

  • ЯПЭМ: БАНДЭМ ЩЫЩТ

ЯПЭМ СИІА ГЪАЩІЭР.

Сэ Рим къалэм пэмыжыжьэу сыкъыщыхъуащ. Ди щІыпІэм щыпсэухэм и нэхъыбэр куэду лэжьэн хуей хъу цІыху тхьэмыщкІэхэт. Сэри си гъащІэр тынштэкъым. Сыкъэзылъхуа си анэр сэ зэи слъэгъуакъым, си адэми сезэгътэкъым. Сэ сызыгъэсар уэрамыращ.

ИлъэсипщІым сыщынэблагъэм сэ сыдыгъуэу щІэздзащ, илъэс пщыкІутІ сыщыхъум япэу унэр къэзгъанэри сыщІэпхъуэжащ. Си адэм мызэ-мытІэу полицейскэ участокым сыкъыщІишыжын хуей хъут. Сэ псоми сапэпсэлъэжт, сыпхъашэт икІи гужьгъэжь зыхуэзмыщІа мы дунейм тет хъунтэкъым. Илъэс пщІыкІуплІ сыщыхъум щыщІэдзауэ сэ зэи унэм къэзгъэзэжакъым. Сэ наркотик зэсхьэлІэт икІи уэрамым сыщыпсэут. Унэ сызэримыІэм къыхэкІкІэ, жэщым зыгуэрым и машинэр къарукІэ Іусхти абы сыщыжейт, пщэдджыжьым зыздэстхьэщІын фонтан къэслъыхъуэт.

ДыгъуэнымкІэ Іэзэ сыхъуат икІи тІэкІуфэкІуу сызэрыІэбэм нэмыщІ, квартирэхэмрэ унэхэмрэ схъунщІэт. ХъунщІакІуэхэм пщІэ къысхуащІу хъуати, куэд мыщІэу сэ бандэ цІэрыІуэм сыхыхьащ. Абы Іэмал къызитащ си «ІэщІагъэр езгъэфІэкІуэну»: дэ зэгъусэу банкхэр тхъунщІэт.СызэрыцІыху пхъашэм и фІыгъэкІэ бандэм щыщхэм я пщІэр псынщІэу къэзлэжьащ. Сэ сыт щыгъуи кІэрахъуэ къыздесхьэкІт, сыщыжейм дежи ар си щхьэнтэ лъабжьэм щІэлът. Залымыгъэ зехьэн, наркотик зэхьэлІэн, дыгъуэн, хъуэнэн икІи зинэ щІэн — арат си гъащІэр зэрызэхэлъыр. Полициер сыт щыгъуи си ужь итт. Мызэ-мытІэу сэ саубыдащ икІи тутнакъым срагъэсащ.

БИБЛИЕМ СИ ГЪАЩІЭР ЗЭРИХЪУЭЖАР.

Тутнакъым сыкъызэрикІыжрэ зэман гуэр дэкІауэ, си анэшыпхъум деж хьэщІапІэ сыкІуэну мурад сщІащ. А зэманым ирихьэлІэу си анэшыпхъури абы и бынитІри Иеговэ и Щыхьэт хъуахэт. Сэ абыхэм я зэІущІэм сыкърагъэблэгъащ икІи абы къыщекІуэкІым сеплъынщ жысІэри я гъусэу сыкІуащ. ЗэІущІэм сыщыкІуам, бжэм деж сытІысащ къыщІыхьэу хъуар слъэгъун хуэдэу. Сэ, дауикІ, кІэрахъуэ сІыгът.

А зэІущІэм си гъащІэр ихъуэжащ. А махуэм нэгъуэщІ планетэм сыкъыщыхутауэ къысфІэщІт! Сэ псори гуапэу къысхуэгуфІэт икІи гуапагъэрэ пэжагърэ зыхэлъ а цІыхухэр зэи сщыгъупщэжынукъым. НэгъуэщІ дунейм сыщыІэм хуэдэт!

Сэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер сджыуэ щІэздзащ. Нэхъыбэ къэсщІэхукІэ, нэхъ наІуэу слъагъут си гъащІэр зэрысхъуэжын хуейр. Притчи 13:20 ит чэнджэщыр си гум лъэІэсащ: «Іущхэм ныбжьэгъу хуэхъур Іущ хъунущ, ауэ акъылыншэм гъусэ хуэхъур бэлыхь хэхуэнущ». Сэ къызгурыІуащ бандэр къызэрызгъэнэн хуейр. Ар тынштэкъым, ауэ Иеговэ и фІыгъэкІэ сэ ар схузэфІэкІащ.

Зэи схэмылъа зышыІэныгъэр зыхэслъхьэу щІэздзащ

Абы нэмыщІ сэ мурад быдэ сщІащ сыт и лъэныкъуэкІи цІыху къабзэу сыщытыну. Тутынымрэ наркотикымрэ хыфІэздзэн щхьэкІэ, къару куэд есхьэлІэн хуей хъуащ. Си щхьэц кІыхьыр пызупщІащ, си тхьэкІумэхэм тхьэгъухэр къисхыжащ икІи хъуэнэн щызгъэтащ. Зэи схэмылъа зышыІэныгъэр зыхэслъхьэу щІэздзащ.

Тхылъ седжэну икІи зыгуэр сджыну фІыуэ слъагъутэкъым. Абы къыхэкІкІэ си дежкІэ гугъут Библием седжэну, ауэ а Іуэхум сэ хуабжьу сегугъут. Хуэм-хуэмурэ Иеговэ хузиІэ лъагъуныгъэм хэхъуэу щІидзащ. ЗэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр къызэрыхъури зыхэсщІэт — псалъэм папщІэ, си напэм лажьэу щІидзащ. Сэ щІэх-щІэхыурэ си щхьэм мыгъуагъэ хуэсхьыжт икІи цІыхухэм есщІа Іей псор Иеговэ къысхуигъэгъуну си фІэщ хъутэкъым. Апхуэдэ гупсысэ хьэлъэхэр къыщыстегуплІэм деж, Иеговэ пащтыхь Даут и гуэныхьхэр зэрыхуигъэгъуам теухуауэ седжэти, абы гупсэхугъуэ къызитт (2 Самуила 11:1—12:13).

Иджыри си дежкІэ гъэунэхуапІэ хъуащ хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ гъэІуныр (Маттэ 28:19, 20). Япэм зэран сызыхуэхъуахэм щыщ гуэрым сызэрыхуэзэфынум сызэрегупсысу, си гур Іей хъут! Ауэ зэман дэкІри, сэ шынэм сытекІуащ. Уафэм щыІэ ди Адэм игъэгъуну ифІэфІщ, икІи абы и хьэл-щэнхэм теухуауэ цІыхухэм къащІэну сазэрыдэІэпыкъум сэ гуфІэгъуэшхуэ къысхуехь.

СИ ГЪАЩІЭМ ФІЫКІЭ ЗЭРЫЗИХЪУЭЖАР.

Иеговэ теухуа щІэныгъэм си гъащІэр къригъэлауэ жыпІэ хъунущ! Япэм си ныбжьэгъуу щытахэм и нэхъыбэр е мы дунейм тетыжкъым е лъэхъуэщым исщ. Ауэ сэ мыхьэнэрэ купщІэрэ зиІэ гъащІэ изохьэкІ икІи гугъэ дахэ сиІэщ. Сэ Іэдэбагъымрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ зызыхуезгъэсащ икІи нэхъ тэмакъкІыхь сыхъуащ. ДауикІ, абы фІы куэд къыпэкІуащ. Сэ цІыхухэм гуапэу сахущытщ. Си щхьэгъусэ Карменрэ сэрэ дынасыпыфІэщ. Дэ зэгъусэу цІыхухэр Библием идогъаджэ икІи а лэжьыгъэм гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь.

Иджыпсту си лэжьыгъэм гъэпцІагъэ лъэпкъ хэлъкъым. Иныкъуэм деж сэ банкым сыкъокІуэ, ауэ сэ сІыгъыр кІэрахъуэкъым, атІэ пэгунрэ швабрэрэщ!