Материал нэхъыщхьэм ихьэн

ИНТЕРВЬЮ | РАКЕЛЬ ХОЛЛ

Журт цІыхубзым жеІэж и фІэщхъуныгъэм теухуауэ нэхъ куууэ зэпкърихыну хуэзыгъэушар сытми

Журт цІыхубзым жеІэж и фІэщхъуныгъэм теухуауэ нэхъ куууэ зэпкърихыну хуэзыгъэушар сытми

Ракель Холл и анэр Израилым щыпсэу журт цІыхубзт, и адэр Австрием къыщыхъуат, ауэ иудаизмыр къищтат. И анэм и лъэныкъуэкІэ и анэшхуэмрэ и адэшхуэмрэ сионисту щытащ икІи ахэр 1948-нэ гъэм Израилым Іэпхъуащ, ар къэрал щхьэхуэ хъуа иужь. «Фыкъызэщыу!» журналым и корреспондентыр Ракель еупщІащ и фІэщхъуныгъэм теухуауэ нэхъ куууэ зэпкърихыну хуэзыгъэушар сытми.

УзыщІапІыкІа хабзэхэр къыджеІэж.

Сэ 1979-нэ гъэм США-м сыкъыщалъхуащ. Илъэсищ фІэкІ сымыхъуу, си адэмрэ си анэмрэ зэбгъэдэкІыжащ. Иудейхэм я хабзэм тету мамэ сигъасэти, ешивэ зицІэ иудейхэм я школым сыщеджэну сигъэкІуащ. Илъэсибл сыщыхъум, зы илъэскІэ Израилым дыІэпхъуащ. Абы сэ кибуцкІэ зэджэ мэкъумэш коммунэм я школым сыщеджэт. ИужькІэ мамэ и гъусэу Мексикэм дыІэпхъуащ.

Дыщыпсэу щІыпІэм синэгуэгу щымыІэми, сэ иудей хабзэхэр згъэзащІэт: щэбэтым уэздыгъэр пызгъанэт, Торэт хабзэм седжэт икІи тхьэлъэІухэр зэрыт сиддур тхылъыр къэзгъэсэбэпу Алыхьым селъэІут. Школым къыздеджэхэм щІэх-щІэхыурэ яжесІэт сэ си диныр псом нэхърэ нэхъ жьыуэ икІи нэхъ пэжу. Хьисэ и гъащІэмрэ зыхуригъаджэу щытахэмрэ тепсэлъыхь тхылъхэм сэ зэи седжатэкъым. Мамэ абы сыт и лъэныкъуэкІи сыщихъумэт, ар шынэт сэ нэгъуэщІ динхэмкІэ си фІэщхъуныгъэр зыІызгъэхьэну.

Сыт-тІэ ухуэзыгъэушар Хьисэ и гъащІэм тепсэлъыхь тхылъхэм уеджэну?

Илъэс 17 сыщыхъум сэ США-м згъэзэжащ, си щІэныгъэр хэзгъэхъуэн щхьэкІэ адэкІи седжэну. Чристэн диныр зыІыгъ си ныбжьэгъу гуэрым жиІат Хьисэ Мэссихь хэмыту си гъащІэм мыхьэнэ зэримыІэнур.

Хьисэ зи фІэщ хъухэр щыуэхэращ,— жесІэжащ сэ абы.

Уэ абы теухуа тхылъхэм уеджа?

Хьэуэ.

Апхуэдэу щыхъукІэ зыри зыхомыщІыкІ Іуэхум теухуауэ унафэ бощІ! Аракъэ зэрыщытыр?

Абы и псалъэхэр си гум нэсащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Іуэхум зыри хэзымыщІыкІыу псалъэхэр сэ сытым дежи акъылыншэу къэслъытэт. СыукІытати, сэ абы Библие къеІысхри, Хьисэ теухуауэ седжэу щІэздзащ.

Узэджам дауэ уи еплъыкІэр ихъуэжа?

Сэ згъэщІэгъуащ Хьисэ теухуа тхылъхэр журтхэм зэратхар къыщысщІам. Нэхъыбэ седжэху сэ нэхъыфІу къызгурыІуэт Хьисэ гуапагъэрэ Іэдэбагърэ зыхэлъ журт цІыхуу зэрыщытар. Абы и фейдэ къимылъыхъуэу, цІыхухэм ядэІэпыкъуну хуейт. Сэ библиотекэм сыкІуэри, абы теухуауэ тхылъ зыбжанэ къэсщтат. Ауэ абыхэм зыми си фІэщ ящІыфакъым Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр. Уеблэмэ языныкъуэ тхылъхэр абы АлыхькІэ еджэт, ауэ сэ ар акъылыншагъэ дыдэу къэслъытэт. Ар Алыхьу щытамэ, хэт тхьэлъэІукІэ зызыхуигъэзар, езыр зэлъэІужауэ арат? Абы нэмыщІ Хьисэ лІащ. Ауэ Библием Алыхьым теухуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «Уэ зэи улІэныкъым» *.

Уи упщІэхэм я жэуапхэр дауэ къызэрыбгъуэтар?

Пэжым зэтемыхуэ, зэщхьэщыкІ лъэпкъ хэлъкъым, абы къыхэкІкІэ сэ мурад быдэ сщІащ ар къэзгъуэтыну. Сэ си гум къыбгъэдэкІыу, си нэпсхэр къысфІыщІэжу, Алыхьым селъэІуу щІэздзащ — япэ дыдэу сиддурыр къэзмыгъэсэбэпу. Си лъэІур сымыух щІыкІэ, си бжэм къытеуІуащ. Иеговэ и ЩыхьэтитІ къэкІуауэ арат. Абыхэм Библиер зэрызджын тхыгъэ къызатащ. А тхыгъэмрэ, иужькІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм сазэрыдэуэршэрамрэ си фІэщ ящІащ абыхэм я фІэщ хъур Библием зэрытегъэщІар. Псалъэм папщІэ, абыхэм я фІэщ мэхъу Хьисэ Мэссихь Тхьэнапищым щыщу зэрыщымытыр, атІэ «Алыхьым и Къуэу» * зэрыщытыр икІи ар псом япэу къызэригъэщІар *.

Куэд дэмыкІыу сэ Мексикэм згъэзэжри, Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Мэссихь теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэр адэкІэ зджащ. Сэ згъэщІэгъуащ ахэр апхуэдизу куэд зэрыхъур! Ауэ сэ шэч къытесхьэт: «Мэссихь теухуауэ бегъымбархэм жаІахэр Хьисэ закъуэ и деж гъэзэщІа щыхъуар? Зи къалэныр Іэзэу зыгъэзэщІа актеру Хьисэ щытамэ-щэ?»

Уи еплъыкІэр пхъуэжыну сыт къыбдэІэпыкъуар?

Иеговэ и Щыхьэтхэм Мэссихь теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэр сагъэлъэгъуащ. Ахэр къызэрыхъуну щІыкІэр Хьисэ зыкІи елъытатэкъым. Псалъэм папщІэ, Хьисэ къалъхуным илъэс 700-м щІигъу иІэжу, бегъымбар Михей жиІауэ щытащ Мэссихьыр иудэм щыІэ Бэтлэхьэм къалэм къыщалъхун хуейуэ *. ГурыІуэгъуэщ цІыхур къыщалъхуну щІыпІэр езым зэремылъытар. Бегъымбар Ешайа итхат Мэссихьыр щІэпхъаджащІэм хуэдэу зэраукІынур, ауэ бейхэм я гъусэу зэрыщІалъхьэнур *. А псалъэхэр псори Хьисэ и деж гъэзэщІа щыхъуащ.

Хьисэ къызыхэкІа лъэпкъым теухуауэ къэсщІари сэ къыздэІэпыкъуащ. Библием щыжыІат Мэссихьыр пащтыхь Даут къытехъукІын хуейуэ *. Пасэрей зэманым иудейхэм цІыхур къызыхэкІа лъэпкъыр зэрыт тхылъхэр яхъумэти, Хьисэ Даут и лъэпкъым къыхэкІауэ щымытамэ, бийхэм ар Іэмал имыІэу абыкІэ ягъэкъуэншэнут! Ауэ Хьисэ Даут къызэрытехъукІам шэч лъэпкъ хэлътэкъым. Уеблэмэ, цІыхухэри абы «Даут и къуэкІэ» еджэт *.

Хьисэ зэрылІэрэ илъэс 37-рэ дэкІри, ди эрэм 70-нэ гъэм рим зауэлІхэм Ерусалимыр зэтракъутащ икІи цІыхур къызыхэкІа лъэпкъыр зэрыт тхылъхэр хэкІуэдауэ къыщІэкІынущ. Абы къыхэкІкІэ Мэссихьыр къызыхэкІа лъэпкъыр цІыхухэм къахуэщІэн щхьэкІэ, ар ди эрэм 70-нэ гъэм ипэ къэкІуэн хуейт.

КъэпщІа псом сыт къыбгуригъэІуар?

Второзаконие тхылъым 18:18, 19 щыжыІат Алыхьым Израилым Мусэ хуэдэ бегъымбар зэрыритынур. Алыхьым жиІат: «А бегъымбарым си цІэкІэ жиІэ псалъэхэм емыдаІуэ дэтхэнэ зы цІыхуми си пащхьэм жэуап щихьыжынущ». Библием ит псор куууэ зэрызджам си фІэщ ищІащ Назарет щыщ Хьисэ къэкІуэн хуея бегъымбару зэрыщытыр.