Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Хэт хъуну Иеговэ?

Хэт хъуну Иеговэ?

Библием жиІэр

 Иеговэ — псори къэзыгъэщІа Алыхь пэжщ, икІи абы теухуауэ Библием къыщыдощІэ (Апокалипсис 4:11). Бегъымбархэу Ибрэхьимрэ Мусэрэ, абыхэм нэмыщІ Хьисэ Мэссихь Иеговэ хуэлажьэхэт (ЩІэдзапІэ 24:27; Исход 15:1, 2; Иуан 20:17). Иеговэ зы лъэпкъ гуэрым и Алыхьу аракъым, «ар щІылъэ псом и Пащтыхьышхуэу щытщ» (Псалом 47:2).

 Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и цІэр Иеговэщ. А цІэм хуэбгъадэ хъун зыри щыІэкъым (Исход 3:15; Псалом 83:18). Ар журт псалъэ «къегъэхъу» жыхуиІэм къытехъукІащ, икІи, щІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, а цІэм къикІыр «Абы къегъэхъу» жиІэу аращ. «Иеговэ» цІэр Алыхьым зэрихьэну хуэфащэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ аращ псори къэзыгъэщІар икІи абы дэтхэнэ и мурадри игъэзэщІэжыну хузэфІокІ (Исаия 55:10, 11). Библием Иеговэ и хьэл-щэн дахэ псори къытхузэІуех, ауэ и хьэл-щэн нэхъыщхьэм, лъагъуныгъэм, нэхъыбэу топсэлъыхь (Исход 34:5—7; Лука 6:35; 1 Иуан 4:8).

 АдыгэбзэкІэ Алыхьым и цІэр къызэрапсэлъыр «Иеговэщ». А цІэр журтыбзэкІэ хьэрф дэкІуашэу плІы мэхъу יהוה, абы тетраграмматонкІэ йоджэ. Адыгэбзэм ар ЙХВХ (е ИГВГ) жыхуиІэ хьэрфхэращ. Пасэрей журтыбзэмкІэ Алыхьым и цІэр къызэрапсэлъу щытар нобэ зыми ищІэкъым. Япэ дыдэу Алыхьым и цІэм урысыбзэкІэ ущрохьэлІэ 1813-нэ гъэм къыдэкІа Библием, 67-нэ Псаломым a. А Библиер зэзыдзэкІар архимандрит (иужькІэ митрополит хъуа) Филаретщ (Дроздов).

Сыт нобэ зыми щІимыщІэр пасэрей журтыбзэмкІэ Алыхьым и цІэр къызэрапсэлъу щытар?

 Пасэрей журтыбзэм хьэрф зешэхэр иІэтэкъым. ЦІыхур хьэрф дэкІуашэхэм къыщеджэкІэ хьэрф зешэхэр зэрыщыт хуейм хуэдэу езым хигъэувэжт. ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр хьэзыр хъуа нэужь, журтхэм Алыхьым и цІэр макъкІэ къапсэлъыну шынэу хъуащ. Тетраграмматоным щыхуэзэкІэ Алыхьым и цІэр «Зиусхьэн», «Тхьэ» псалъэхэмкІэ яхъуэжт. Апхуэдэурэ илъэс щэ бжыгъэ куэдкІэ къекІуэкІати, пасэ зэманым псэуа цІыхухэм Алыхьым и цІэр къызэрапсэлъу щытар кІуэдыжыпащ b.

 Языныкъуэхэм зэрыжаІэмкІэ, Алыхьым и цІэр «Яхвещ», ауэ нэгъуэщІ еплъыкІэ зиІэхэри щыІэщ. Хы Псэншэм и Іэрытххэм Левит тхылъым щыщ Іыхьэм ущрохьэлІэ. Абы зэритымкІэ, алыджыбзэкІэ Алыхьым и цІэр Иао́щ. Пасэрей алыдж тхакІуэхэм я тхыгъэхэм ущрохьэлІэ Иаэ́, Иабэ́, Иауэ́ жыхуиІэ псалъэхэм. Ахэри Алыхьым и цІэм и къэпсэлъыкІэу жаІэ, ауэ а цІэхэм щыщ гуэр пасэрей журтыбзэм хэтауэ ди фІэщ зыщІ зыри щыІэкъым c.

Алыхьым и цІэм теухуауэ щыІэ еплъыкІэ нэпцІхэр

 ПцІыщ. Библиер зэзыдзэкІахэм щыщу языныкъуэхэм Иеговэ цІэр езыхэм хагъэувауэ аращ.

 Пэжщ. Алыхьым и цІэм (тетраграмматоным) ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм 7 000 хуэдизрэ ущрохьэлІэ d. Библиер зэзыдзэкІахэм щыщу и нэхъыбэм Алыхьым и цІэр езыхэм Іуахри, титулхэмкІэ зэрахъуэкІащ, псалъэм папщІэ, «Зиусхьэн» титулымкІэ.

 ПцІыщ. ЛъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьыр цІэ хуэныкъуэкъым.

 Пэжщ. Библиер зытхахэр езы Алыхьым хуигъэушащ «Иеговэ» жыхуиІэ и цІэр мин бжыгъэкІэ хагъэувэну икІи и лэжьакІуэхэм унафэ яхуищІащ и цІэр къапсэлъыну (Исаия 42:8; Иоиль 2:32; Малахия 3:16; Рим 10:13). Абы нэмыщІ Алыхьым бегъымбар нэпцІхэр игъэкъуэншащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр иужь итт Алыхьым и цІэр лъэпкъым щрагъэгъупщэну (Иеремия 23:27).

 ПцІыщ. Журтхэм езыхэм къагупсысыжа хабзэмкІэ Алыхьым и цІэр Библием иудыжын хуейщ.

 Пэжщ. Журтхэм ящыщу Библиер къизытхыкІыжахэм Алыхьым и цІэр езыхэм къамыпсэлъми, Іэрытххэм ираудыжтэкъым. ЦІыхухэм Алыхьым и хабзэхэм темыхуэ хабзэ куэд къагупсысащ, ауэ Алыхьыр хуейкъым дэ абыхэм дытетыну (Маттэ 15:1—3).

 ПцІыщ. Алыхьым и цІэр Библием щІиптхэн щыІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ журтыбзэкІэ ар къызэрапсэлъу щытар иджыпсту зыми ищІэкъым.

 Пэжщ. Апхуэдэ еплъыкІэм къокІ цІыхухэр сыт хуэдэ бзэкІэ мыпсэлъами Алыхьым и цІэр зэщхьу къапсэлъын хуей хуэдэу. Ауэ, Библием къызэригъэлъагъуэмкІэ, пасэ зэманым псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ псалъэт икІи цІэ зэмылІэужьыгъуэхэр щхьэж и бзэкІэ къипсэлъыжт.

 Израилым и хеящІэхэм ящыщ зым и цІэр щапхъэу къэтхьынщ. Зи гугъу тщІыр Нун и къуэ Ехьошуащ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм щыщу журтыбзэкІэ псалъэхэм а цІэр къызэрапсэлъыр мыпхуэдэут — Йехошу́а, ауэ алыджыбзэкІэ псалъэхэм а цІэр къызэрапсэлъыр нэгъуэщІут — Иесу́с. Ехьошуа цІэр журтыбзэм ейщ, ауэ а цІэр алыджыбзэкІэ къызэрапсэлъыр Библием итщ. Абы къызэригъэлъагъуэмкІэ, япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм зыгуэрым и цІэр езыхэм я бзэм къызэрапсэлъ щІыкІэм тету къагъэсэбэпт (Апостолхэм 7:45; Еврейхэм 4:8).

 Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр къэдгъэсэбэп хъунущ Алыхьым и цІэм и гугъу щытщІым деж. Алыхьым и цІэр къызэрапсэлъ щІыкІэракъым, атІэ абы Библием щиІыгъ увыпІэ лъагэращ мыхьэнэшхуэ зиІэр.

a ДунеищІэкІэ еджэу зэрадзэкІа Библием ар 68-нэ Псаломыращ.

b «Новая католическая энциклопедия» (2 издание, 14 томыр, 883—884 напэкІуэцІхэр) жыхуиІэм итщ: «Журтхэр Бабилэным и гъэрыпІэм къыщикІыжа зэманым ирихьэлІэу Яхве цІэм щышынэу щІадзащ икІи ар щІэх-щІэхыурэ АДОНАЙ, ЭЛОХИМ цІэхэмкІэ зэрахъуэкІт».

c «Слово Бога в картах и схемах» жыхуиІэ брошюрэм нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ «Божье имя в Еврейских Писаниях» жыхуиІэ япэ разделыр.

d Theological Lexicon of the Old Testament. Т. 2. С. 523—524.