Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

9-НЭ УПЩІЭР

Эволюцэр си фІэщ сщІын хуей?

Эволюцэр си фІэщ сщІын хуей?

МЫ УПЩІЭМ И ЖЭУАПЫР ПЩІЭНЫМ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР СЫТ?

Псэ зыІут псори езыр-езыру къэхъуамэ, ди гъащІэм мыхьэнэ лъэпкъ иІэкъым. Ауэ дэ зыгуэрым дыкъигъэщІауэ щытмэ, ди гъащІэмрэ ди къэкІуэнымрэ теухуа упщІэхэм я жэуап нэгъэса къэдгъуэтыфынущ.

СЫТЫТ УЭ ПЩІЭНУР?

Уи нэгу къыщІэгъэхьэт мыпхуэдэ Іуэхугъуэ: Алекс ищІэныр ищІэкъым. Абы Алыхьым псори къызэригъэщІар сыт щыгъуи и фІэщ хъут. Ауэ нобэ школым биологиемкІэ езыгъаджэр шэч лъэпкъ къытримыхьэу тепсэлъыхьащ щІэныгъэлІхэм эволюцэр пэжу къызэралъытэм. Алекс акъылыншафэ къраплъыну хуейкъым. Ар йогупсыс: «ЩІэныгъэлІхэм эволюцэм шэч къыщытрамыхьэкІэ, сэ сыхэт абыхэм жаІэм сыпэрыуэну?»

Уэ дауэ уеплърэ, Алекс эволюцэр и фІэщ ищІын хуей, ар пэж хуэдэу тхылъхэм зэрит закъуэм щхьэкІэ?

КЪЭУВЫІИ ЕГУПСЫС!

А упщІэм теухуауэ цІыхухэм я еплъыкІэр зэтемыхуэми, куэдым жаІэфынущ я фІэщ хъур сытми, ауэ икІэм нэсу къыбгурагъэІуэфынукъым ар я фІэщ щІэхъур.

  • Языныкъуэхэм дунейр Алыхьым къигъэщІауэ я фІэщ щІэхъур я диным абы хурегъаджэри аращ.

  • Языныкъуэхэм эволюцэр я фІэщ щІэхъур школым абы хурагъэджащи аращ.

ГУЛЪЫТЭ ЗЫХУЭПЩІЫН ХУЕЙ УПЩІИХЫР

Библием жеІэ: «ЦІыху гуэрым имыщІа унэ щыІэкъым, ауэ псори зыщІар Тхьэращ» (Еврейхэм 3:4). Ар уи фІэщ пщІы хъуну пІэрэ?

Мы унэр зыми имыухуауэ жыпІэным губзыгъагъэ зэрыхэмылъым хуэдэу, гъащІэр зыми къимыгъэщІауэ жыпІэныр губзыгъагъэкъым

КУЭДЫМ ЖАІЭР: зыгуэр къауэри, дуней псор къэунэхуащ.

1. Хэт е сыт ар къэзыгъэуар?

2. Сыт нэхъ пэжыр: псори езыр-езыру къэхъуа хьэмэрэ зыгуэрым къигъэщІа?

КУЭДЫМ ЖАІЭР: цІыхухэр псэущхьэхэм къатехъукІащ.

3. Псалъэм папщІэ, цІыхухэр номинхэм къатехъукІауэ щытмэ, дауэ къызэрыбгурыІуэныр номинхэмрэ цІыхухэмрэ акъылкІэ зэрызэхуэмыдэр?

4. Клеткэ нэхъ цІыкІу дыдэхэри щхьэ апхуэдизу гугъуу зэхэлъ?

КУЭДЫМ ЖАІЭР: эволюцэм Іуэхугъуэ куэд щыхьэт тохъуэ.

5. Апхуэдэу жызыІэм езым эволюцэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр псори фІыуэ зэхигъэкІауэ щыт?

6. ЦІыху дапщэм эволюцэр я фІэщ ящІа, щІэныгъэлІхэм эволюцэр я фІэщ хъууэ къызэрыжраІа закъуэм щхьэкІэ?

«Мэзым унэ дахэ къыщыплъэгъуамэ, жыпІэнут: „Сыту гъэщІэгъуэн! Жыгхэр зэхэджалэри унэ дэгъуэ къыхэкІащ“. Хьэуэ, жыпІэнутэкъым. Апхуэдэ зэи къэхъукъым! НтІэ дуней псор езыр-езыру къэхъуауэ сыт ди фІэщ щІэтщІын хуейр?» (Джулие).

«Псалъэм папщІэ, тхылъ тедзапІэм зыгуэр къыщыуэу, шакъэр тхыгъэ хьэзыру блынымрэ унащхьэмрэ триутхауэ зыгуэрым къыбжиІатэм, уи фІэщ пщІынут ар?» (Гвен).

АЛЫХЬЫР ДИ ФІЭЩ ЩІЭТЩІЫН ХУЕЙР СЫТ?

Уэ уи фІэщ хъур зытегъэщІауэ щытын хуейр бгъэунэхуну Библием ухуегъэуш (1 Фессалоникэ 5:21). Алыхьыр уи фІэщ щІэхъум и щхьэусыгъуэу щытын хуейкъым...

  • КЪЫПЩЫХЪУХЭР (ДыкъигъэщІауэ къаруушхуэ зыбгъэдэлъ гуэр щыІэн хуейуэ си гугъэщ)

  • АДРЕЙ ЦІЫХУХЭМ ЖАІЭР (Сыздэпсэу щІыпІэм Алыхьыр псоми я фІэщ мэхъу)

  • НЭГЪУЭЩІХЭМ КЪЫЗЭРЫПТРАКЪУЗЭР (Диныр щаІыгъ унагъуэм сыкъызэрыхэкІам щхьэкІэ сыхэдэну хуитыныгъэ сиІакъым)

АтІэ уи фІэщхъуныгъэм лъабжьэ быдэ иІэн хуейщ.

«Ди егъэджакІуэр цІыхум и Іэпкълъэпкъыр зэрылажьэм щытепсэлъыхьым деж, Алыхьыр зэрыщыІэм сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым. Ди Іэпкълъэпкъым и Іыхьэ дэтхэнэми, ар нэхъ цІыкІу дыдэрами, и къалэныр егъэзащІэ, нэхъыбэм дэ къэдмыщІэу. Сыту гъэщІэгъуэну дызэхэлъ!» (Терезэ).

«Унэ лъагэ, кхъухьышхуэ е машинэ щыслъагъум деж, сызоупщІыж: „Хэт ар зыщІар?“ Псалъэм папщІэ, машинэ зыхуэщІыныр абы фІыуэ хэзыщІыкІ цІыхуращ. Машинэр лэжьэн щхьэкІэ абы пкъырылъ псори зэхуэбгъэкІуэн хуейщ. НтІэ машинэ пщІын щхьэкІэ, абы фІыуэ хэзыщІыкІ гуэр ухуеймэ, цІыхур къэбгъэщІыныр нэхъ гугъужкъэ?» (Ричард).

«Наукэр нэхъ куууэ зджыху, эволюцэр нэхъ мащІэу си фІэщ хъут. [...] Сэ сызэреплъымкІэ, эволюцэр къэпщтэным фІэщхъуныгъэ нэхъыбэ ухуейщ, псори къэзыгъэщІа Алыхьыр уи фІэщ пщІыным нэхърэ» (Энтони).

УЗЭГУПСЫС ХЪУНЫР

ЩІэныгъэлІхэм илъэс куэдкІэ эволюцэр яджами, ахэр абы теухуауэ зы еплъыкІэм къыхуэкІуакъым. Эволюцэм теухуауэ нэхъыбэ зыщІэн хуей щІэныгъэлІхэр зы еплъыкІэм къыщыхуэмыкІуакІэ, сыт уэ абы шэч къытепхьэ щІэмыхъуныр?