Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Сыт хуэдэ лъэужь уи сабийхэм къахуэбгъанэр?

АДЭ-АНЭХЭМ ПАПЩІЭ

8 ЩапхъэфІ егъэлъагъу

8 ЩапхъэфІ егъэлъагъу

СЫТ АБЫ КЪИКІЫР?

Сабийхэр зыхурагъаджэм езы адэ-анэхэри тету псэумэ, абыхэм щапхъэфІ ирагъэлъагъу. Псалъэм папщІэ, уэ уи нэхъыщхьэм телефонкІэ жыбоІэ сымаджэ ухъуауэ, ауэ и пэжыпІэкІэ уэ зыбгъэпсэхуну ухуейуэ аращ. А пцІыр зэхэзых уи къуэр цІыху пэж хъуну къыщІэкІынкъым.

«„ЖысІэр щІэ, ауэ сэ сщІэр умыщІэ“,— жыпІэу сабийхэм яжепІэ хъунукъым. Дэ жытІэ псори, тщІэ псори сабийм елъагъу икІи жытІэмрэ тщІэмрэ щызэтемыхуэм деж, абы занщІэу гу лъетэ» (Дэвид).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «НэгъуэщІ цІыхухэм Іуэхухэр ябогъащІэ, ауэ уэ уи щхьэм ебгъэщІэжрэ? ЦІыхухэм мыдыгъуэну яжыбоІэ, уэ уи щхьэкІэ удыгъуэрэ?» (Рим 2:21, 22).

АБЫ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР

«Сабий цІыкІухэми ныбжьыщІэхэми нэхъыбэу щапхъэ зытрахыр я адэ-анэхэращ, атІэ я ныбжьэгъухэракъым. Ар къэгъэсэбэп, уи быныр гъуэгу пэжым тебгъэувэн щхьэкІэ. Ауэ ехъулІэныгъэ ущиІэнур сабийм жепІэр уэри езым бгъэзащІэмэщ» (Николь).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Уафэм къикІ акъылыфІагъэм... гъэпцІагъэ хэлъкъым» (Екъуб 3:17).

СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

Уи щытыкІэм егупсысыж. Сыт хуэдэ фильм уэ узэплъхэр? Уи щхьэгъусэмрэ уи бынхэмрэ дапхуэдэу уазэрыхущытыр? Хэт уи ныбжьэгъухэр? Адрейхэм уадэІэпыкъурэ? КІэщІу жыпІэмэ, уи сабийр уэ уэщхь хъужыну ухуейт?

«Си щхьэгъусэмрэ сэрэ дэ езым дымыщІэ гуэр ди сабийхэм ящІэну яхуэдгъэувкъым» (Кристин).

Къыпхуагъэгъуну елъэІу. Уи сабийм къыгуроІуэ уэ гуэныхь зэрыпхэлъыр. Уи щхьэгъусэм е уи сабийм «къысхуэгъэгъу» щыжепІэм деж, уи быным щапхъэфІ ухуохъу икІи ар ибогъасэ цІыхухэм пщІэ хуищІу.

«Ди щыуагъэхэр зэрыщІэдмыхъумэр икІи къытхуагъэгъуну дызэрелъэІур ди сабийхэм ялъэгъун хуейщ. Дэ апхуэдэу дымыщІэмэ, абыхэм зэи зрагъэсэнукъым „Сэ сыкъуаншэт“ жаІэфу» (Робин).

«Дэ, адэ-анэхэр, ди сабийхэм щапхъэфІ дахуэхъуфынущ. Ар сабийр гъэсэнымкІэ Іэмэпсымэ лъэщщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм дэ сыт щыгъуи дыкъалъагъу. Тхылъым зэреджэм икІи ар куууэ зэраджым хуэдэу, дэри ди сабийхэм фІыуэ „дыщІаджыкІ“» (Уэндэл).