Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Алыхьыр дэнэ щІыпІэми щыІэ?

Алыхьыр дэнэ щІыпІэми щыІэ?

Библием мы упщІэм ирит жэуапыр

 Алыхьым псори елъагъу икІи сыт хуэдэ щІыпІэми къыщекІуэкІ Іуэхум хэІэбэфынущ (Притчи 15:3; Еврейхэм 4:13). Ауэ Библием жиІэкъым Алыхьыр дэнэ щІыпІэми щыІэу икІи сытми хэту. Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым нэрымылъагъу Іэпкълъэпкъ иІэщ икІи ар здэщыІэр хэхауэ зы щІыпІэщ.

  •   Алыхьым и Іэпкълъэпкъыр. Алыхьыр — Духщ (Иуан 4:24, ДЩІ). ЦІыхум и нэкІэ ар илъэгъуфынукъым (Иуан 1:18). Алыхьым бегъымбархэм закъыщригъэлъагъум щыгъуэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, ар зы щІыпІэт здэщыІэр. ЗыщІыпІи иткъым ар зэуэ дэнэкІи щыІэу (Исаия 6:1, 2; Апокалипсис 4:2, 3, 8).

  •   Алыхьыр здэщыІэ щІыпІэр. Алыхьыр щыпсэур физикэм и законхэр щылажьэ дунейракъым, атІэ нэрымылъагъу щІыпІэращ. А щІыпІэм уафэкІэ уеджэ хъунущ, икІи Алыхьым «щыпсэу щІыпІэ» абы щиІэщ (1 Царей 8:30). Библиер топсэлъыхьыж зэгуэр мелыІычхэр «Иеговэ a и пащхьэм щызэхуэсауэ» зэрыщытам. Абы къегъэлъагъуэ Алыхьыр зы щІыпІэ гуэрым зэрыщыІэр (Иов 1:6).

Алыхьыр дэнэ щІыпІэми щымыІэмэ, ар сэ къыздэІэпыкъуфыну пІэрэ?

 НтІэ, къыбдэІэпыкъуфынущ. Алыхьым цІыхухэр къыфІэмыІуэхуу щыткъым. Алыхьыр уафэм щыпсэуми, ар арэзы зыщІыну хуей цІыхухэм абы гу лъетэ икІи ядоІэпыкъу (1 Царей 8:39; 2 Летопись 16:9). Иеговэ гурэ псэкІэ къыхуэпэжхэм и нэІэ зэритригъэтым теухуауэ адэкІэ къэтщІэнщ.

  •   ТхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж, абы ди псалъэхэр асыхьэту зэхех (2 Летопись 18:31).

  •   Ди гур щиудам деж. «Иеговэ зи гур кІуэдахэм пэгъунэгъущ икІи зигу иудахэр абы кърегъэл» (Псалом 34:18).

  •   ТщІэныр щыдмыщІэм деж. Иеговэ и Псалъэ Библиер къегъэсэбэп, зэхэщІыкІ къыдитын икІи гъуэгу пэжым дытригъэувэн щхьэкІэ. (Псалом 32:8).

Алыхьыр дэнэ щІыпІэми щыІэ хуэдэу зи фІэщ хъухэм яІэ еплъыкІэ нэпцІхэр

 ЦІыхухэм жаІэр. Алыхьыр и ІэдакъэщІэкІ псоми хэтщ.

 Пэжыр. Алыхьыр щІылъэми Дунеишхуэм и нэгъуэщІ щІыпІэ гуэрми щыпсэукъым (1 Царей 8:27). Пэжщ, ІэдакъэщІэкІым «Алыхьым и щІыхьыр егъэІу» (Псалом 19:1). Ауэ Алыхьыр езым и ІэдакъэщІэкІым щыпсэукъым, сурэтыщІыр и сурэтым зэрыщымыпсэум хуэдэу. Сурэтым дыщеплъым деж, ар зыщІам теухуауэ зыгуэр къыдощІэ. Абы ещхьу, Иеговэ къигъэщІахэм «езым и хьэл-щэну ямылъагъуфым» теухуауэ къыдагъащІэ, псалъэм папщІэ, къарум, Іущагъым икІи лъагъуныгъэм теухуауэ (Рим 1:20).

 ЦІыхухэм жаІэр. Алыхьыр сыт хуэдэ щІыпІэми щыІэн хуейщ, псори ищІэн икІи сытри хузэфІэкІыу щытын щхьэкІэ.

 Пэжыр. Алыхьым къару лъапІэ иІэщ. А къарур къигъэсэбэпу, Алыхьым щыхуей щІыпІэмрэ щыхуей зэманымрэ сытри ещІэф икІи абы щхьэкІэ ар зыщІыпІи кІуэн хуейкъым; абы имылъагъу зыри щыІэкъым (Псалом 139:7).

 ЦІыхухэм жаІэр. Алыхьыр дэнэ щІыпІэми зэрыщыІэм щыхьэт тохъуэ Псалом 139:8 ит псалъэхэр: «Сэ уафэм сыдэкІуеямэ, уэри абы ущыІэнут, кхъэм пІэщхьагъ щысщІамэ, абыи уэ ущыІэнут».

 Пэжыр. Мы едзыгъуэм зи гугъу ищІыр Алыхьыр здэщыІэ щІыпІэракъым. Мы псаломыр бзэ дахэкІэ топсэлъыхь Алыхьым имылъагъу щІыпІэ зэрыщымыІэм икІи дэнэ дыщымыІами къызэрыддэІэпыкъуфынум.

a Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхь пэжым и цІэр Иеговэщ.